Интеллектуальная игра на кабардинском языке «Акъыл жан» с презентацией
Предмет: | Начальные классы |
---|---|
Категория материала: | Презентации |
Автор: |
Шомахова Мадина Анатольевна
|
Интеллектуальная игра на кабардинском языке «Акъыл жан»
-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущэм. Илъэс 13 и пэкIэ ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцэм щащIа унафэм ипкъ иткIэ февралым и 21-м анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ. Мы гъэ еджэгъуэм и октябырь мазэм щыщIэдзауэ ди прогимназием щокIуэкIпроект «Мои истоки», адыгэбзэкIэ жыпIэмэ «Си къежьапIэ». А проектым и пкъ иткIэ дэ Iухугъуэ гъэщIэгъуэн куэд едгъэкIуэкIащ: классхэм адыгэбзэм теухуа уголок къыщызэIутхащ, адыгэбзэкIэ тха тхылъ зэхуэтхьэсащ, абыхэм дыкъоджэ, дыкъеджэу дыкъэмыувыIэжу псалъэжь, къуажэхь сыт хуэдэ лэужьыгъуэхэр зэхуэтхьэсащ, усэ къеджэнкIэ дызэпеуащ, ехъулIэныгъэ диIэу районэ конкурс «Джылахъстэней джэгум» дыхэтащ. Ди проектыр иризэхуэтщIыжынущ «Акъыл жан» зыфIэтща джэгу-зэпеуэм.
1. Аращи ди махуэшхуэр къызэIутхынщ еплIанэ классым и еджакIуэ цIыкIухэм ягъэзащIэ уэрэдкIэ.
Джэгу-зэпеуэр теухуащ ди бзэм , ди хабзэм, ди щIыналъэм, адыгэ литературэм. Зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэм нэхъ щыгъуазэр зэхагъэкIыну утыку къихьащ гупитI. Япэ гупыр «Лэгъупыкъу», етIуанэ гупыр «Джэрпэджэж».
Зэпеуэхэм я щIэныгъэмрэ я къэрумрэ здынэсыр къилъытэнущ ди жюри лъапIэми.
Аращи ди джэгу-зэпеуэм щIыдодзэ.
1. Командэхэм сэлам зэрах:
«Лэгъупыкъу»
Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»
«Джэрпэджэжым» доныкъуэкъу!
Еджэным сыткIи дыхуэIэзэщ,
Хабзэ зехьэкIэм дыщыгъуазэщ.
«Джэрпэджэж»
«Джэрпэджэж» фIэтщащ ди гупым.
Ерыщу псоми дыпэщIэтщ
«Лэгъупыкъум» дыпевгъэкъу,
ТекIуэныгъэр дывгъэтхьэкъу.
2. Гупсысэ нэхъыщхьэ.
-Ноборей махуэшхуэм и гупсысэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъуну жыIэгъуэ зэрыз гупитIым ягъэхьэзырыну къэлэн ящысщIауэ щытащи девгъэдаIуэ абыхэм.
--Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, и акъылыр нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэр нэхъ дахэщ. Апхуэдэхэращ анэдэлъхубзэм и къарумрэ и IэфIагъымрэ псэкIэ зыхэзыщIэфыр, къызыхэкIа лъэпкъым и деж пщIэи нэмыси щызыгъуэтыфыр.
--Ди щIыналъэр дахэщ икIи къулейщ. Абы и къулеягъ нэхъыщхьэр щыпсэу цIыхухэмрэ зэрахьэ хабзэ дахэмрэщ. «Хабзэ зыщIэ и Iуэху мэкIуатэ» жеIэ псалъэжьым. Уадыгэмэ, хабзэ умыщIэу, умыгъэзащIэу зы лъэбакъуи пхуэчынукъым. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащIэри къызэрыпхущытыжынур.
3. "Насыпырыхь".
Адыгэбзэ псалъэхэм я мыхьэнэхэр нэхъ тэмэму зыщIэмкIэ зэпеуэныгъэщ. УпщIэхэр карточкэхэм тетщ, карточкэхэр доскам фIэлъщ. Джэгухэм зыхуейр къыхах.
1
2
3
4
5
6
7
8
9
1. Малъхъэдис—магнит
2. щапхъэ--пример,
3. акъужь--прохладный, свежий ветер,
4. бысым--хозяин (тот, у кого на ходишься в гостях);
5. алэрыбгъу--ковёр,
6. хьэлыгъуанэ--бублик,
7. вагъуэ--звезда,
8. саугъэт—подарок;
9. дакъикъэ--минута.
Щыгъуазэ фызэрысщIащи дэ усэ къеджэнкIэ диIащ зэпеуэ. Абы еджакIуэхэм ямызакъуэу садым и гъэсэн цIыкIухэри хэтащ. Утыкур хуит хузощIУэрзей Астемыррэ, Оразаев Аслъэнджэрирэ.
4. Псалъэжь зэпеуэ.
Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Абыхэм бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ.
ЕзыгъэкIуэкIым кърегъажьэ, гупхэм нагъэсыж (гъуэрыгъуэу)
1. ХабзэмыщIэ…(емыкIухьщ).
2. Бзур зыIэтыр дамэщ, ….(цIыхур зыIэтыр акъылщ)
3. Хабзэр бзэгупэкIэ…(кърахьэкIыркъым).
4. Анэр нэм хуэдэщи, …(адэр дэм хуэдэщ.)
5. Адакъэрэ пэт…(джэджьейр егъашхэ)
6. Бжьэ зыдэс…(фо дещIэ)
7. МастэкIэ Iэшэщ…(шатэкIэ бзаджэщ)
8. Гупсыси псалъэ…(зыплъыхьи тIыс)
9. ЗэдэпщIэр щIэхщи,….(зэдэпшхыр Iэфщ.)
10. ЩIым зы ептымэ, …(тIу къуетыж)
11. Уи псалъэ гъэIэси,…уи нэмыс гъэбыдэ)
12. ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр… (зэгурыIуэщ)
5. Ди джэгу зэпеуэр щIэдгъэхуэбжьэнщ жызоIэр. АбыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъуфынущ псынщIэрыпсалъэ зэпеуэр. ГупитIми фызот тхэлъымпIэ напэ зэрыз. Абы ит псыщIэрыпсалъэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къыжыфIэ.
ПсынщIэрыпсалъэхэр ягъэхьэзыруху щIэнэкIалъэ дедэIуэнщ Орсей Аминэрэ, Абазэ Даринэрэ ягъэзащэу.
1. Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу
Псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу.
2. Лэныстэ-мастэ, къэбыстэ пIастэ.
3. Бадэ бадзэ къеубыдыр, Бадэ бадзэм иреудыр.
Ди щIэблэ цIыкIухэм хабзэм хащIыкIыр здынэсым и зэхэгъэкIыпIэ дихуащ нобэ. "Нэхъыжь зымыгъэлъапIэм и щхьэ лъапIэгъуэ ихуэкъым", - жаIэ адыгэм. Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку зэхуилъ хабзэм теухуащ ди къыкIэлъыкIуэ зэпеуэр .
6. Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку зэхуилъ хабзэ.
1. Нэхъыжь ухуэзамэ, цIыхухъуми, бзылъхугъэми уэ нэхъапэ фIэхъус епхын хуейщ. (Адыгэ фIэхъус епхын хуейщ, Iэубыдыныр хабзэм хэткъым, ауэ Iэубыдым теухуауэ пщIэн хуейщ: нэхъыжьми бзылъхугъэми уэ нэхъапэ уи Iэр пший зэрымыхъунур. Iэр къишиинумэ хуитыр нэхъыжьырщ е бзылъхугъэрщ).
2. Ущысу нэхъыжь къыщIыхьамэ, укъэтэджын хуейщ. Нэхъыжьыр тIысу уэ уимыгъэтIысауэ утIысыныр емыкIущ. Нэхъыжьыр ныбжькIэ упэжыжьэу щытмэ, ущхьэщытын хуейщ.
3. Нэхъыжь щыту нэхъыщIэ щыскъым. Уэрам тетIысхьэпIэм утесу нэхъыжь блэкIмэ, укъэтэджын хуейщ.
4. Нэхъыжь блэкIыу нэхъыщIэхэм щIыкIейуэ защIу, ину псалъэу, кIийуэ, дыхьэшхыу екIукъым.Пщыгъупщэн хуейкъым, жьы хъуахэм псалъэмакъышхуэ, Iауэлъэуэшхуэр зэрыфIэмыфIыр.
5. Нэхъыжь и гъуэгу зыпаупщIыркъым. Нэхъыжьыр гъунэгъу къэхъуамэ, укъэувыIэу, ар блэкIыху упэплъэн хуейщ.
6. Нэхъыжьым и пащхьэ ущиткIэ зыпIуантIэ зыпшантIэу, уи Iэхэр уи жыпым илъу, уи лъакъуэ зытебдзэу, уи щхьэ уетIэхъу, жвачкэ бгъэныщкIуу, тутын уефэу зебгъэлэгъуныр емыкIушхуэщ.
7. Нэхъыжь щыту псалъэр кIыхь ящIкъым.
8.НэхъыщIэр нэхъыжь кIуэм кIэлъыджэркъым, лъэщIохьэ, къегъэувыIэри, итIанэ жриIэну зыхуеяр жреIэ.
9. Нэхъыжь и гъусэу укIуэмэ, и сэмэгурабгъумкIэ уувын хуейщ, уи ижьырабгъумкIэ нэхъыжьыр щыту.
10. Нэхъыжьым зыгуэр жепIэн хуей хъумэ: "Уи нэмыс нэхъ лъагъэ ухъу! Хуит сыкъэпщIмэ зы псалъэ жысIэнт (е щIызгъуэнт)", - жыбоIэри, хуит уащIмэ, уопсалъэ.
11.Унэми, губгъуэми, псыхъуэми, мэзми жьантIапIэ иIэщ. Iэнэ ущыпэрытIысхьэкIэ, гуп ухэтмэ, хуабжьу ухуэсакъын хуейщ пхуэмыфащэ тIысыпIэ узэрымытIысынум. "ЖьантIакIуэу ущымыт" - жаIэ адыгэм.
12. Нэхъыжьыр хьэщIэмэ, и закъуэ бгъэшхэныр емыкIущ. Ауэ абы и ныбжьым емыкIу дэтIыскъым. ДэтIысын унагъуэм имысмэ, гъунэгъу е хьэблэм щыщ нэхъыжь кърагъэблагъэри, дагъэтIыс.
Апхуэдэу хабзэр фIыуэ зыщIэхэм убыдыпIэфI гъащэм щаубыдыну къысфощI. Къэнэжар зы мащэщ хабзэ зэвгъэщIар фи гъащIэм къыщывгъсэбэп. Утыкур хуит яхузощI ди къафакIуэхэм. «ЩIалэ къафэ»
8. Адыгэ литературэмкIэ упщIэхэр.
Псалъэхэм гъэхуауэ фыкъеджэ. Ар зыщыщ тхыгъэр къафщIэ. А тхыгъэр зытхар къыжыфIэмэ балл нэхъыбэ къэфхьыфынущ.
1. --Тхьэм къыдита мылъкур тIихыжыну иухамэ, дэ абы зыри тхуещIэжынукъым. Узыншагъэ диIэмэ, мылъкуи дгъуэтыжынщ. Ди зы лъэIукIэ ди хьэтыр къилъагъуныр пэжмэ, ди унагъуэм нэмыс къытхуринэну девгъэлъэIу, дызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу дыпсэун хуэдэу.
2. --Ди анэм иджы хуэдэхэм деж псы хьэлывэрэ хыв шатэ Iуврэ сигъэшхырт.
3. --Уэ дыгъужь емынэ,
Си щхьэ умыужьыгу,
А уи дыгъужьыфэр
СщIынущ сэ джэдыгу.
4. --Уагъэшхакъэ, къэкIухьлъакъуэ,
Щхьэ упщIэурэ сэ си нагъуэ,--
Париижьым гу къыплъитэу
Ущыдыгъуэм уигъэщтакъэ.
5. --Сыт мы бзу шыр цIынэр щIэфIыгъыр? Фи Iэр бэгу хъунщ. «Скорэ помощыр» къевджи дохутырым евгъашэ.
6. --Ди адэ, мыр пщIантIэпс хьэлэлкIэ къэзлэжьа ахъшэщ, хыфIумыдзэ.
7. --Ма-ри-тэ! Сыт мы пщIэр? Хэт уезыхужьауэ узыхур? Сумыгъэлъагъуу къэтIэпIыж иджыпсту.
8. –Щыгъэт, щIалэ! Зэгуэудынущ мы топыр. Мамэ, мы щIалэм ищIэр плъагъурэ? Ди топыр къытфIырехуэкI
7.Акъылк
Тип материала: | Презентация Power Point (pptx) |
---|---|
Размер: | 15.38 Mb |
Количество скачиваний: | 27 |